Главная Мои сайты Мои стихи Моя музыка Фотогалерея Ваша поэзия Ваша проза Гостевая


Besucherzahler
счетчик посещений


– Уэздыгъей щхьэ баринэхэм...(кабард.) –

    Уэздыгъей щхьэ баринэхэм атк1э, Мыл къурш щыгум лъыlэсхэу зэм-зэм, Пшэ lэрамэхэр гуартэу щохъуак1уэр... Сэ, слъэмык1ыу, къызощтэр къалэм... Сыщхьэхуиту дакъикъэ щызгъуэтым, Хуэдэу нобэ, зы махуэ дахэфl, Ныпызощэр, къуршыжь, си уэрэдым. Къысщыхуэну сыфlэщlу уи нэфl... Сыхьэт куэд сфlыбохьэху. Сэ сыноплъэр, Мывэ къэскlэ lэ дэслъэу, уи нэпкъ, Гу-псэ пц1анэ уэрэд пхузэхэслъхьэу, Мы дунейм щызек1уэху псалъэ lэфl. Уэсэпс щlыlэм къетхьэщlыр си напэр, Хьэуа къабзэмкlэ мэхъур сигу из, Сщыгъупщауэ мы дыгъэ нэпс дзакъэр, Сымыщlэжу гукъеуэр зищlыс. Тlэкlу упхыплъмэ, телъыджэщ мы цlыхур. Нэпсеягъэм дунейр итхьэкъуащ. Хурикъужкъым абы дуней нэхур, Ицlыхужкъым а псор къезытар. Куэдрэ си гур абы иробамп1эр, Зыпэслъытмэ абы ихь зэман, Щэхуу гугъэ нэхъыфlхэр согъафlэр, Защlэжыну, цlыхубэ хъеям. Хьэуэ, хэткъым мы жысlэм щыуагъэ, Теухуауэ lуэхушхуэ къежьам. Пэжыр жып1э щыхъу махуэр мэхъу благъэ, Сыригъусэщ а махуэм пежьам. Ди цlыхубэр щыхъейр - хэтlэсауэщ, Сф1ощlыр хэлъу абы щэху-хьилагъ, Здынэсыным мыхъумыщlэр нэсауэщ Щызэхащlэр абы и хьилагъ... Сыт хуэдиз пыдупщlар нобэ мэзу? Псышхуэ дапщэ щхъухь-псыхькlэ дгъэнщlар? Дошынэж зыlутлъхьэн ар диlу нэсу. Хэт а псомкlи зи жагъуэ дэ тщlар? Щыlэщ цlыху, илъэс куэд къагъэщlауэ, Пэж яжеп1эм къыпадзу делагъ, Залъытэжу лlыхъужь нэгъэсауэ, Ящlыфамэ цlыху напэр лъэпагъ...
– Adam – 05.08.1989 – 03:18 –

– вернуться к обзору стихов –